КАВКАЗ ЗАУЭМРЭ МУХЬЭЖЫРАКӀУЭ ӀУЭХУГЪУЭМРЭ АДЫГЭ УСЫГЪЭМ КЪЫЗЭРЫХЭЩЫЖЫР (Кавказ зауэр зэриухрэ илъэс 155-рэ щрикъум ирихьэлӏэу)
XIX-нэ лӏэщӏыгъуэм и етӏуанэ ӏыхьэм адыгэ лъэпкъыр гузэвэгъуэу зыхэхуар, хэщӏыныгъэу игъуэтар зэплъыт хъун щыӏэу къыщӏэкӏынкъым. ЦIыхур дунейм къызэрытехьэрэ «мухьэжыракӏуэкӏэ» еджэу тхыдэм къыхэна насыпыншагъэр зыхуэбгъэдэн къэхъуакъым. Ди лъэпкъ литературэм хэту къыщӏэкӏынукъым мухьэжыракӏуэ ӏуэхугъуэм имыгъэпӏейтея, зы мащӏэкӏэ нэхъ мыхъуми адыгэр Кавказ зауэжьым зытригъэува «хьэдрыхэ гъуэгур» зи творчествэм къыхэмыщыж тхакӏуэ, усакӏуэ е драматург. Абыхэм я ӏэдакъэщӏэкӏ тхыгъэ купщӏафӏэхэм …