XIX-нэ лӏэщӏыгъуэм и етӏуанэ ӏыхьэм адыгэ лъэпкъыр гузэвэгъуэу зыхэхуар, хэщӏыныгъэу игъуэтар зэплъыт хъун щыӏэу къыщӏэкӏынкъым. ЦIыхур дунейм къызэрытехьэрэ «мухьэжыракӏуэкӏэ» еджэу тхыдэм къыхэна насыпыншагъэр зыхуэбгъэдэн къэхъуакъым.

Ди лъэпкъ литературэм хэту къыщӏэкӏынукъым мухьэжыракӏуэ ӏуэхугъуэм имыгъэпӏейтея, зы мащӏэкӏэ нэхъ мыхъуми адыгэр Кавказ зауэжьым зытригъэува «хьэдрыхэ гъуэгур» зи творчествэм къыхэмыщыж тхакӏуэ, усакӏуэ е драматург. Абыхэм я ӏэдакъэщӏэкӏ тхыгъэ купщӏафӏэхэм я фӏыгъэкӏэ щӏэблэщӏэм деж нэхьэса мэхъу бгырыс лъэпкъхэр хьэдэлъэмыж зэтезыщӏа Кавказ зауэжьым кърикӏуа лъапсэрыхыр. Ди литературэм и мызакъуэу, адыгэхэм я щхьэм кърикӏуа насыпыншагъэр гъуазджэми, щэнхабзэми, нэгъуэщӏ лъэпкъ литературэхэми къыщыгъэлъэгъуэжащ.

ЦIыхубэр гъуэгу пхэнжым теша мыхъун, ӏуэхум и пэжыпӏэр зытетыр нахуэ къэщӏын папщӏэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкӏуэкӏащ бгырыс лъэпкъхэм я цӏыху пэрытхэм. Абыхэм ящыщ зыт Пащӏэ Бэчмырзи. Хамэ къэралхэм, къапщтэмэ, Тыркум ӏэпхъуэж адыгэхэм я ӏуэху зэрыщыт зэригъэщӏэну Бэчмырзэ пщэрылъ зыщищӏыжащ, а мурадым папщӏэ тридзэри Тыркум кӏуауэ щытащ. МыхъумыщIагъэ куэдхэр и нэгу щыщӏэкӏа Тырку къэралыгъуэм зы илъэс нэблагъэкӏэ щыIэу Къэбэрдейм къэзыгъэзэжа Пащӏэм мы псалъэхэмкӏэ цӏыхубэм захуегъазэ: «Тӏуащӏэбей фипсэухьыж, фызыщалъхуа хэкум и щӏыбагъкӏэ насып фыщымылъыхъуэ!».

Тыркум щыщыӏа лъэхъэнэм Пащӏэ Бэчмырзэ и нэгу щӏэкӏахэр лъабжьэ хуэхъуащ «Мухьэжырхэр» жыхуиӏэ усэми. Мыбы Пащӏэм къыщегъэлъагъуэ хамэщӏ щыпсэухэр зыхэт гугъуехь мыухыжыр. Усакӏуэм пэжу гу зэрылъитащи, хэхэс гъащIэр махуэ къэскIэ нэхъ хьэлъэ мэхъу икIи адыгэу хамэ щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щикъухьахэр зыхэс лъэпкъхэм яхэшэпсыхьыжу анэдэлъхубзэри адыгэ хабзэри гъадэщӏыдэм хыхьэжынкӏэ шынагъэ щыӏэщ:

Фи правэр кӏуэдыну къыщыхагъэщкӏэ,

Фи унафэщӏхэр къыщагъэтуткӏэ,

Фызытет хабзэхэри фщагъэгъупщэнщ.

Кавказ зауэжьым и кӏэм кърикӏуа хьэдагъэмрэ адыгэхэм лъэпкъкӏуэдыр къахуэзыхьа мухьэжыракӏуэ ӏуэхугъуэмрэ я нэпкъыжьэ телъщ нэгъуэщӏ къэбэрдей усакӏуэ куэдми я ӏэдакъэщӏэкӏхэм. Апхуэдэхэщ Кӏыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Мэшбащӏэ Исхьэкъ, Дыгъужь Къурмэн, Нэхущ Мухьэмэд, Бещтокъуэ Хьэбас, Сонэ Абдулчэрим, Iутӏыж Борис, Бицу Анатолэ, Бэлагъы Любэ, Бемырзэ Зураб, Пщыукӏ Латмир, н.ку.

Мухьэжыракӏуэ ӏуэхугъуэр хэт нэхъри нэхъ куууэ зыхэзыщӏар абы и фэбжьыр зытехуа хыщӏыбрыс адыгэхэрщ. Абыхэм къахэкӏа усакӏуэхэм я ӏэдакъэщӏэкӏхэм наӏуэу къыхощ хэхэс гъащӏэм и гугъуехь мыухыжрэ. Апхуэдэхэщ Уджыху Исам и «Тхыдэ гъуэгуанэхэм я джэрпэджэжхэр», Шурдым Къундет и «Хамэщӏ», «Мы зы щIымахуэр игъэкӏыж», Хъунэгу Надие и «Гур здэщыIэм псэр мэкӏуэж», Хьэткъуэ Яшар и «Хэхэс», Чурей Мухьэрэм и «Кхъухь макъыншэ», Къардэн Дурие и «СщIэкъым адыгэщӏым сихьэжынуми», Мэрэтыкъуэ Метин и «Си Хэку» тхыгъэхэр, нэгъуэщӏ куэди.

Зэдэгощ:

Recommended Articles

Вебсайтым игъэфедэн лъыбгъэкӏуатэзэ, хьалыжъыехэм (cookies) изын яоты. Нахьыбэ зэхьылӏыгъэ къэбар

The cookie settings on this website are set to "allow cookies" to give you the best browsing experience possible. If you continue to use this website without changing your cookie settings or you click "Accept" below then you are consenting to this.

Close